Къэхъун (урбз. Кахун) — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ.
Къуажэр къедзыгъуэм икум итщ. Къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 3 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 32 км дэлъщ.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Псынабэ, Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей.
ЩӀыпӀэм псынэхэр щыкуэдщ, щӀыщӀагъ псыхэр щӀым мыкуууэ зэрырижэм къыхэкӀыу. И ику лъэгагъыр 297 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ.
Къуажэм и дыгъэкъухьэпӀэ лъэныкъуэр Нарткъалэ хыхьэным нэсащ.
Къуажэр къызыгъэунэхуар Къэбэрдейм цӀэ зиӀауэ щта Докъушыкъуей пшыхэращ 1846 гъэм.
1850-1856 гъэхэм Къэбэрдейм щрагъэкӀуэкӀа щӀы реформэхэм къыхэкӀыу къуажэм къыхагъэхьахэщ пэмэжу щыт къуажитӀ — Пэнэжь хьэблэрэ Ӏэпщэу хьэблэрэ.
1862 гъэм Къуэшырыкъуей къуажэ къиӀэпхъукӀри Докъушыкъуей къуажэ къэӀэпхъуащ уэркъ Шыпщхэр я цӀыхухэр ягъусэуи, къуажэм ипшэкӀэ тӀысахэщ хьэблэщӀэ ящӀхэри. Абы къыхэкӀыу къуажэм цӀитӀ зэрихьэрт — Докъушыкъуейрэ Шыпщейрэ.
1920 гъэм советхэм Къэбэрдейр яубыда иуж,къуажэм и цӀэр яхъуэжащ, пшыхэмрэ уэркъхэмрэ я цӀэр зэрызахьэм щхьа. ЦӀэщӀэу къуажэм фӀащащ — Къэхъун.
Джылэ дэсым и Ӏувагъыр — 210 цӀыху/км²
Зы къуажэ сымажэшрэ зы къедзыгъуэ сымаджэшрэ дэтхэщ.
Зы мэжджыт дэтщ. ЕТӀуанэр ящӀыну къуажэдэсхэм я мурадщ.
Къуажэм ину щаужьащ бэтрэджан, нащэ икӀи нэгъуэщӀ къэкӀыгъэхэр нэхъ къагъэкӀ. Къуажэм теплицэкӀэ зэрпхьпр.